Сочинение На Кабардинском Языке Про Бэдынокъуэ

Сочинение На Кабардинском Языке Про Бэдынокъуэ



>>> ПОДРОБНЕЕ ЖМИТЕ ЗДЕСЬ <<<






























Сочинение На Кабардинском Языке Про Бэдынокъуэ
Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар. (Къэбэрдей текст) Нартхэм биижь бзаджэу чынтыр я1эт. Чынтыдзэр Бэдын и гуащэм зэтриук1эу, хъыбар егъащ1э шу закъуэ щигък1уэжыгъа махуэм и гужьгъэжьыр чынтхэм я1эти зытэлай дагъэк1ри нэхъ дзэшхуэжу аргуэру къатегуащ. А биижь бзаджэр нэщ1гъущ1ыдзэу къызэрыгуауэ Нарт Хэкур ет1уанэу яхъунщ1эрт. Бэдын нартхэр къызэщ1игъэшэсэну к1уат. Нартхэм я хэкум чынтыдзэм къыралъхьа гузэвэгъуэр Бэдын и гуащэм щызэхихым, - Чынтыдзэм сэ ясщ1ар ящыгъупщэу аргуэру къыщык1уак1э, сэ си п1эк1э си Бэдынокъуэ ирешэс, и шабзэ пэрыдзыр чынтыдзэм япхырыредз, и бжыпэф1э1ун ахэр ирехъу, - жи1эри Бэдынокъуэ дунейм къытыришащ. - Си анэ, мы сыкъызытепшар сыт л1эужь? – жи1эри Бэдынокъуэ и анэм еупщ1ащ. - Дуней жыхуа1эр мырщ, си щ1алэ. Алъандэрэ щ1ыунэм ущыпсэуащ. Уи лъэрэ уигурэ зэрымыубыдауэ нартхэм уакъыхэсшэн сышынэрти мы дунеижьым укъытесшакъым. Иджы уи лъэр быдэу, уи гур гуищэу узолъагъури, адк1э пщ1энум ухуитщ. Нартхэр фэрыщ1щ, л1ы ищ1э я хъуэпсщ, умыбэлэрыгъ си щ1алэ, - жи1ащ и анэм. Бэдынокъуэ зиплъыхьащ, зигъэзащ. Уафэм дэплъейри зэи имылъэгъуа дыгъэм щы1уплъэм, ауи и нэр игъэуп1эрэп1акъым. - Мор сыт си анэ? – жи1эри дыгъм 1эпэ хуишиящ. - Ар дыгъэщ. Псори зыгъэнэхурщ. Хахуэу псэухэм я тхьэры1уэщ, си щ1алэ, - жи1ащ Бэдынокъуэ и анэм. Бэдынокъуэ и нэр апхуэдизк1э жанти дыгъэпс махуэм уафэгум ит вагъуэхэри къилъэгъуащ. - Мо нэпщ1ыпщ1-къэпщ1ыпщ1у дыгъэм пэмыхъу ц1ык1ухэри сыт? – жи1эщ Бэдынокъуи и анэм еупщ1ащ. И анэр уафэм дэплъеящ, арщхьэк1э «къэпщ1ыпщ1-нэпщ1ыпщ1 ц1ык1ухэр» сыт имыщ1ами илъэгъуакъым. - А, си щ1алэ, сэ сымылъагъуми ахэр вагъуэщ. Дыгъэпс махуэм вагъуэхэр щыплъагъук1э, уэ жэщ к1ыф1ым бий лъэужьыр п1эщ1эк1ынкъым. Махуэм бийр ебгъэзмэ, дыгъэр уи гуф1ак1уэщ. Жэщым бийр епхужьэмэ, вагъуэр уи лъэужьщ, - жи1эри гуф1ащ и анэр. Бийр махуэм егъэзи жэщтеуэ къэщ1. Бэдынокъуэ шым щышэсым и анэм фэлъыркъэб пшынэр къищтэри пшынэм уеуэурэ Бэдынокъуэ и шыр щ1игъэджэгук1ащ, мыр пшынэм къыригъэк1ыурэ: Бэдынокъуэу бланэ гъэшхар зи шэджэгъуашхэ, Вы гъэшхар зи пшапэ 1ус, Уи шыгъусэр къэсащ, Уи алъпыжьу пц1эгъуэплъ псыгъуэм Уанэ къытелъхьэ, Уи хьэ самырхэр зыщ1ыгъу, Уи бгъэ гъэсахэри зыдешажьэ, Зехьэжьи яхыхьэ, Хэкум къихьа биижьхэр иупщ1э! Упщ1ак1уэхэм зыкъыумыгъащ1э, Уи л1ыгъэр енщ, - жи1эу Бэдынокъуэ и анэм ар фэлъыркъэб пшынэм къыщыригъэк1ым, - Сызэребгъажьэщ си къэк1уэжык1энур. Ауэ мы си анэмрэ си адэмрэ дауэ хъуну? – жи1эри Бэдынокъуэ щ1эупщ1ащ, зып1а л1ыжьымрэ фызыжьымрэ щхьэк1э. - Ахэр уэ укъэк1уэжыхук1э, сэ схъумэнщ, - къыжыри1ащ и анэм. Шу щышэск1э 1эщэрэ фащэу зыхуеиныр псори Бэдынокъуэ и анэм и хьэзырти мыр пшыналъэу къыжыри1эурэ къыритащ: - Уи пц1эгъуэплъ блапц1эу щхьэгъурыр 1эк1уэц1 ижыну гъэпсащ, Хьэгъуэ-хугъуэ щ1эп1ык1щ, Мэкъу пэсэрышхщ, Щ1ыунэрып1щ, Уи уанэр дыжьын хэщ1ык1щ, Уи 1эщэ-фащэр пф1эдзащ. Жыру уи маисэр къок1-йохьэж, Уи шабзэ бзащхьэ мэзышхуэщ. Уи джатэ к1эщ1ыр лъэщ1ащ Къипхауэ умыгъэдалъэ, Уилъауэ къыумыгъэзэж, Угужьеижуэ укъэмызджэ. Уи зы джэ макъыр макъищэу, Нартищэ къарур уи зэ уэгъуэу, Хуарэжь и жэгъуэр уи зы лъэбакъуэу «Мыхъу-Мыпц1э» къынэс. Чынту къэсахэри хэгъащ1э! Нартыжьхэми зыкъыумыгъащ1э. Щ1ы ф1ыц1э лъэгур къэубэ, Биижьурэ чынтыдзэ пашэр къахэш, Я нэхъ шэрыуэри къехьэх. Зэхахыжын щхьэк1э Напэ1урыдзэри 1урылъу Я нэхъ лъэрыхьри гъэк1уэж! Уэ, си щ1алэу, нэ п1ащэ! Гъуэгуищэр зыпэжьэ, Ежьэ, ежьэ, гъуэгу махуэ! Бэдынокъуэ дэк1ащ. Шымрэ л1ымрэ я жэщибл-махуибл гъуэгур зы махуэ ныкъуэм ик1уащ. Чынтыдзэ бзаджэу хэкум къызэрыгуам я деж нэсри, къалъагъуу ябгъумк1э блэк1ащ. Зы теуэгъуэ ик1а иужь, къигъазэри хъыбар къаригъэщ1ащ: - Зывгъэхьэзыр, сывэзэуэну сынок1уэ, - жи1эри. Чынтыдзэм ар щызэхахым хьэзырыххэти зауэр яублэри пщыхьэщхьэ пшэплъыр къимыдзэу Бэдынокъуэм чынтыдзэр 1эщ1эхуащ. Чынтыдзэ пашэм игъуса шум и нэк1ум дамыгъэ тридзэри, хъыбарегъащ1эу я хэкум иут1ыпщыжащ. Езы Бэдынокъуэ чынтыдзэ пашэр шым тепхауэ, Нартыжь Хэкум къыщыришэк1ыурэ на1уэ ящищ1ащ. А шу закъуэм и л1ыгъэр щалъагъум, нартыжьхэр гуф1ахэщ, аразы ину хуэхъуахэщ. Нартыжь зырызи абы и л1ыгъэм ефыгъуащ. Чынтыдзэ пашэр псоми на1уэ ящищ1а иужьк1э, Хьэрэмэ 1уащхьэ дыришейри чынтыдзэр къыздик1а лъэныкъуэмк1э и гупэр гъэзауэ игъэуващ; и джатэмк1э еуэри т1ууэ зэгуиупщ1ык1ащ, - Чынтыдзэм и к1эухыр мырауэ зэрыщытыр псоми ирелъагъу, - жи1эри. Чынт лъэпкъри ныбжь бий зыхуищ1ащ. Бэдынокъуэ нартхэм яхэмыхьэу, зыщыщри яримыгъащ1эу, зыдэк1уэжри ямыщ1эххэу и анэ и деж к1уэжащ. Бэдынокъуэ щынэсыжым, и анэр къеупщ1ащ: - Пхуэфащэ щауэу къэбгъэзэжа? – жи1эри. - Сэ сщ1эни щызгъуэтакъым, нарт ищ1эни къыщызгъэнакъым сыздэбгъэк1уам, зы закъуэ къэнати, хъыбарегъащ1эу сут1ыпщыжащ, - жи1эри и анэм жэуап иритыжащ. (К1эухыр ищхьэ тет постым итщ). #АдыгэГуп #АдыгэНартЭпос #IуэрыIуатэ #НартскийЭпос #Нарты #Эпос #НартБэдынокъуэ #Бадыноко
Ваш браузер устарел. Попробуйте браузер Atom , чтобы работа ВКонтакте была быстрой и стабильной. Подробнее

Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар. (Къэбэрдей текст).. | Адыгэ гуп
Бэдынокъуэ къызэралъхуар
Помогите написать сочинение на кабардинском на тему война...
Конкурсное сочинение «Моё отношение к обычаям и традициям...»
Нартхэ ди Бэдынокъуэ - YouTube
Расходы На Питание 8 Класс Технология Реферат
Бесплатные Курсовые Работы На Тему Жкх
Отчет По Практике Технология Машиностроения
Курсовик По Режущему Инструменту Омск Где Заказать
Моя Любимая Игрушка Медвежонок Сочинение

Report Page