Кьэбэрдей Сайт Сочинение Эссе Льэпкьыр Зыгьэльэпкьыр Бзэрщ

Кьэбэрдей Сайт Сочинение Эссе Льэпкьыр Зыгьэльэпкьыр Бзэрщ



>>> ПОДРОБНЕЕ ЖМИТЕ ЗДЕСЬ <<<






























Кьэбэрдей Сайт Сочинение Эссе Льэпкьыр Зыгьэльэпкьыр Бзэрщ

UniverFiles.com : универсальный образовательный портал








Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс хыщIрэ тхурэ мы гъэм ирокъу. Ар зэман мащIэкъым. ТекIуэныгъэм и махуэр щыдгъэлъапIэкIэ дэ сыт щыгъуи дигу къыдогъэкIыж нэмыцэдзэхэм япэщIэувэу зи гъащIэр Хэкум папщIэ зытахэр. Ахэр мащIэкъым. Къэбэрдей – Балъкъэрым и къуэ, ипхъу нэхъыфIхэу зауэм хэкIуэдащ цIыху мин 40 – м нэс. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ», жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен, Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий, Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил. ЩIыхь орденым и степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ Григорий сымэ. Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт, зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса кIуэ икIи зауэлI хахуэ КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ уатрэ, нэгъуэщIхэми. Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ, сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ. Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Абы щощтэ тхылърэ кинокIэ фIэкIа щымыгъуазэхэри. ЦIыхур къалъху, дунейм къытохьэ, япэ жьы Iубыгъуэр нэхъуеиншэу епхъуатэ. Епхъуатэ ар къэхъун, IэфIагъэмрэ дахагъэмрэ псэкIэ зыхищIэн, дыкъэзыухъуреихь псоми гу щихуэн, гъащIэм къыпригъэщэн щхьэкIэ. Хэт, атIэ, хуитар апхуэдиз цIыхум я псэр хигъэщIэну? Статистикэм зэрыжиIэмкIэ, нэмыцэ фашистхэм зэщIагъэстауэ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэм и мафIаем хэтам я бжыгъэр цIыху мелуаний 110 – м фIокI. Абы и зэхуэдитIри хэкIуэдащ. Зауэр зэхэзыублэр щыкIа, удэфа, хамэщI зыубыдыну, хущIэкъу бзаджэнаджэхэрщ. Ауэ зауэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэпегъэув. «Зауэм и кIэр хьэдагъэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар икIи пэжщ. Ди къэралым и закъуэ къапщтэмэ, Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэм къриубыдэу укIыгъэу ди1ар мелуан 20 – ми къыщызэтеувыIэркъым. Ныкъуэдыкъуэрэ уIэгъэу къэзыгъэзэжар зыми ящIэркъым, ауэ, зи псэ къэзыхьыжам псоми щыгуфIыкIащ, хэкIуэдар ягъеижащ. Апхуэдэущ 1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар. Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ, нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ. Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э, нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь – ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13 - 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох. Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ къулейсызыгъэшхуэ къалъос. Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар. ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым. Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ, хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр, бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тытыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ. Дыхуейкъым зауэ, мамырыгъэм, Къытхуехь насып, мыгъуагъэр Iуедз, Зи лъэпкъ, зи бын фIы хузигугъэм, Хуэмейуэ зауэм Iэ щIредз. КIуащ БетIал.
Для отправки комментария вам необходимо авторизоваться .

Сэ си бзэр - адыгэбзэщ - Презентация 153689-16
Хэку зауэшхуэр. эссе | Универсальный образовательный портал...
Лъэпкъым и псэр зыхэлъыр и тхыдэрщ, и бзэрщ ,.. | ЧЕРКЕССКИЙ...
сочинение на тему Анэр ф|ыуэ лъэгъун - Школьные Знания.com
Эссе «Минем һөнәрем-укытучы» - Давлетова Люция Мәдхәт кызы
Внутренняя Среда Предприятия Курсовая
План Любого Эссе
Сочинение Про Любую Книгу
Эссе На Тему Актуальность Профессии
Организация Бронирования Гостиничных Услуг В Гостинице Курсовая

Report Page